YouVersion Logo
Search Icon

Иуан 5

5
5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэм деж лӀы гуэр зэрыщигъэхъужар
1Журт махуэшхуэ къэсащ абы и ужькӀэ икӀи Хьисэ Ерусалим къэкӀуащ. 2Мэл Куэбжэ зи цӀэм деж псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэ, журтыбзэкӀэ ВифездэкӀэ еджэу, Ерусалим щыӀэщ. Щхьэ зытелъ сэхитху а зыгъэпскӀыпӀэм иӀэщ. 3Сымаджэ куэд щылът абдежым: нэфи, лъаши, пкъыуэ хъуаи. Ахэр псым зыкъигъэхъеиным пэплъэрт, 4сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным и мелыӀычыр а зыгъэпскӀыпӀэм зэзэмызэ къехырти, псыр игъэщэнауэрт. Псыр щэнэуа нэужь, абы япэу хыхьар, сыт хуэдэ узыфэ иӀэми, хъужырт. 5Илъэс щэщӀрэ икӀэ сымаджэу щыта лӀы гуэр сымаджэхэм яхэлът. 6Ар щилъагъум, куэд щӀауэ зэрысымаджэр ищӀэрти, Хьисэ абы еупщӀащ:
– Ухъужыну ухуей? – жери.
7– Зи щӀыхь ин, – жиӀащ сымаджэм, – псыр щыщэнауэкӀэ, зыгъэпскӀыпӀэм сыхэзышэн гъусэ сиӀэкъым. Сэ сынэмысурэ, нэгъуэщӀ гуэр сяпэ йощри, псым хохьэ.
8КъызэфӀэувэ, уи алэрыбгъур къащти, зекӀуэ, – жиӀащ Хьисэ.
9А лӀыр напӀэзыпӀэм хъужащ, и алэрыбгъур къищтэри къикӀухьащ.
Ар къыщыхъуар щэбэт махуэт.#5:9 щэбэт махуэр – журтхэм я махуэ лъапӀэр арщ. А махуэм Ӏуэху ящӀэну хуиткъым. 10Арати, журтхэм а лӀы хъужам жраӀащ:
– Нобэ щэбэт махуэщи, уи алэрыбгъур къэпщтэж хъунукъым хабзэкӀэ.
11– Сэ сызыгъэхъужам «Уи алэрыбгъур къащти, зекӀуэ» къызжиӀащ, – къажриӀэжащ а лӀым абыхэм.
12– «Уи алэрыбгъур къащти, зекӀуэ» къыбжезыӀар хэт хъуну? – жаӀэри еупщӀащ.
13ЛӀым зыгъэхъужар хэтми ищӀэртэкъым; абдежым щызэхэт цӀыху гупышхуэм яхэзэрыхьыжат Хьисэ.
14А лӀым Тхьэм и унэшхуэм щрихьэлӀэри, Хьисэ абы жриӀащ:
– Мис, уэ ухъужащ. Нэхъей къыпщымыщӀын щхьэкӀэ, гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ дяпэкӀэ.
15А лӀыр ежьэжщ, журтхэм я деж кӀуэри, зыгъэхъужар зэры-Хьисэр яжриӀащ. 16Апхуэдэ Ӏуэхухэр щэбэт махуэм зэрищӀэм щхьэкӀэ, журтхэм Хьисэ кърахуэкӀыу щӀадзащ, яукӀынуи и ужь къихьащ.
17– Си Адэм иджыри къэс зэпымычу Ӏуэху елэжь, сэри Ӏуэху солэжь, – яжриӀэрт Хьисэ абыхэм.
18Арати, Хьисэ яукӀыну нэхъри нэхъ ерыщу абы и ужь ихьащ журтхэр. И ужь щӀихьар я хабзэкӀэ мыхъунур щэбэт махуэм зэрищӀам и мызакъуэу, Тхьэм зыхуигъадэурэ, «Тхьэр си Адэщ» зэрыжиӀэм щхьэкӀэт.
Къуэ лъапӀэм иӀэ тепщэныгъэр
19– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – Къуэ лъапӀэм езыр-езыру зыри хузэфӀэкӀыркъым. Адэ лъапӀэм илэжьыу илъагъум фӀэкӀа, нэгъуэщӀ зыри илэжьын хузэфӀэкӀыркъым. Адэ лъапӀэм илэжьыр абы и Къуэми елэжь. 20Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Адэ лъапӀэм езым и Къуэр фӀыуэ елъагъу. Абы илэжь псори езым и Къуэм кърегъэлъагъу, мы Ӏуэхухэм нэхърэ нэхъ Ӏуэхушхуэхэри къригъэлъагъунущ и Къуэм, флъэгъумэ фымыгъэщӀэгъуэн флъэмыкӀыну. 21Адэ лъапӀэм лӀахэр къызэригъэтэджыжым икӀи къызэригъэпсэужым хуэдэу, абы и Къуэми езыр зыхуей цӀыхухэр къегъэпсэуж. 22Адэ лъапӀэм зыми хьэкум#5:22 хьэкум – «суд» жыхуаӀэрщ. трищӀыхьыркъым, хьэкум Ӏуэху псори абы и Къуэм иритащ, 23цӀыху псоми Адэ лъапӀэм щӀыхь зэрыхуащӀым хуэдэу, абы и Къуэми щӀыхь къыхуащӀын щхьэкӀэ. Абы и Къуэм щӀыхь къыхуэзымыщӀым ар къэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэми щӀыхь хуимыщӀу арщ.
24– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, сэ си псалъэхэм едаӀуэу, сыкъэзыгъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ. Тхьэм ар игъэкъуэншэнукъым, ар лӀэныгъэм ӀэщӀэкӀыжри, гъащӀэм ӀэщӀыхьащ. 25Пэж дыдэр нывжызоӀэ, лӀахэм Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, езым едаӀуэхэми гъащӀэ щагъуэтыну махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ. 26Адэ лъапӀэм цӀыхухэм гъащӀэ зэрыритым хуэдэу, абы и Къуэми цӀыхухэм гъащӀэ иритыну тепщэныгъэ къритащ. 27Сэ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу#5:27 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ Маттэ 8:20. сызэрыщытым щхьэкӀэ, цӀыхухэм хьэкум ятесщӀыхьыну Адэ лъапӀэм тепщэныгъэ къызитащ.
28– Ар фымыгъэщӀагъуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кхъэм щӀэлъ псоми Тхьэм и Къуэм и макъыр зэхахыу, кхъэм къыщыщӀэкӀыжыну махуэр къэсынущ. 29ФӀы зыщӀахэр псэуну къэтэджыжынущ, Ӏей зыщӀахэри я къуаншагъэм хуэфащэр ягъуэтыжыну къэтэджыжынущ. 30Зыри злэжьын слъэкӀынукъым сэр-сэру, Тхьэм къыжиӀэу зэрызэхэсхым хуэдэущ, цӀыхухэм хьэкум зэратесщӀыхьыр. Сэ ятесщӀыхь хьэкумыр захуэщ, сэ сызыхуейракъым злэжьыр, сэ сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейращ злэжьыну зи ужь ситыр.
Хьисэ щыхьэт техъуэхэр
31– Сэр-сэру щыхьэт сызытехъуэжмэ, си щыхьэтыгъэр ирикъунукъым, 32щыхьэт къыстехъуэ нэгъуэщӀ гуэр щыӀэщ. Абы щыхьэтыгъэу къысхуиӀэр зэрыщыпкъэр сощӀэ.
33– Фэ Иуан лӀыкӀуэхэр хуэвгъэкӀуащ, езыри щыпкъагъэм щыхьэт техъуащ. 34Зы цӀыху гуэри щыхьэт къыстехъуэну сэ сыхуэныкъуэкъым, ауэ фэ фымыкӀуэду Тхьэм фыкъригъэлын щхьэкӀэ, ар жызоӀэ. 35Иуан нэху идзу блэ уэздыгъэм хуэдэт. Абы и нэхум тэлайкӀэ фригуфӀэну фыхуеящ.
36– Иуан щыхьэтыгъэу къысхуиӀам нэхърэ нэхъ щыхьэтыгъэшхуэ сиӀэщ. Сэ злэжьын хуей Ӏуэхуу Адэ лъапӀэм си пщэм къыдилъхьар солэжь. А Ӏуэхухэращ Адэ лъапӀэм сыкъызэригъэкӀуамкӀэ щыхьэт къыстехъуэр. 37Адэ лъапӀэу сэ сыкъэзыгъэкӀуар езым и щхьэкӀэ щыхьэт къыстехъуащ. Абы и макъыр фэ зэи зэхэфхакъым, езыми фытеплъакъым. 38Абы сыкъызэригъэкӀуамкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывимыӀэм щхьэкӀэ, абы и псалъэхэр фигу илъ зэпыткъым. 39Тхьэм и псалъэ тхахэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ хэвгъуэтэн фи гугъэу, ар фи фӀэщу щӀыводжыкӀ. Аращ сэ щыхьэт къыстехъуэр. 40Апхуэдэу щыт пэтми, а гъащӀэр фиӀэ хъун щхьэкӀэ, си деж фыкъэкӀуэну фыхуейкъым.
41– ЦӀыхухэр зыщызгъэтхъуну сыщӀэкъуркъым сэ. 42Сэ фэ фызоцӀыху: Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр фигу илъкъым. 43Сэ си Адэм и цӀэкӀэ сыкъэкӀуащ, ауэ фэ сывдэркъым; абы и цӀэкӀэ нэгъуэщӀ гуэр къакӀуэмэ, ар вдэнущ. 44Тхьэ закъуэм къыбгъэдэкӀ щытхъум фымылъыхъуэу, зыр зым фыщытхъужмэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъунур?
45– Адэ лъапӀэм и пащхьэм сэ фыщызгъэкъуэншэну фи мыгугъэ. Фэ фызыщыгугъ Мусэ бегъымбарырщ фызыгъэкъуэншэнур. 46МусэкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀатэмэ, сэркӀи фӀэщхъуныгъэ фиӀэнт, Мусэ зи гугъу ищӀар сэращи. 47Абы итхар фи фӀэщ щымыхъукӀэ, дауэ сэ жысӀэр фи фӀэщ зэрыхъунур?

Currently Selected:

Иуан 5: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

YouVersion uses cookies to personalize your experience. By using our website, you accept our use of cookies as described in our Privacy Policy