YouVersion Logo
Search Icon

Иуан 4

4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Самарие щыщ цӀыхубзым Хьисэ зэрепсэлъар
1Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм нэхърэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр нэхъыбэ хъуурэ, Хьисэ ахэр зэриумэхъым и хъыбарыр фарисейхэм зэралъэӀэсар Хьисэ къищӀащ. 2(Ахэр зыумэхъыу щытар Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр арщ, езы Хьисэкъым.) 3А хъыбарыр щызэхихым, Иудей хэкум икӀри, Галилей хэкум кӀуэжащ Хьисэ.
4Самарие хэкум#4:4 Самарие хэкур – Иудей, Галилей хэкухэм я зэхуакум дэлъ хэкурщ. Журтхэмрэ Самарие исхэмрэ лъэпкъкӀэ, хабзэкӀэ, динкӀэ зэмыщхьу зэрыщытам щхьэкӀэ зэбийт. кӀуэцӀрыкӀыну къыпэщытт Хьисэ. 5КӀуэурэ, Самарие хэкум щыщ Сихар къалэм нэсащ; а къалэр Екъуб езым и къуэ Исуф иритыгъа щӀыгу Ӏыхьэм#4:5 щӀыгу Ӏыхьэр – еплъ 1 Мусэ 48:22. пэгъунэгъут. 6А щӀыпӀэм Екъуб и псыкъуийр итт. Гъуэгум иригъэшати, псыкъуийм деж щетӀысэхащ Хьисэ. Сыхьэтыр пщыкӀутӀым дежт ар.#4:6 сыхьэтыр пщыкӀутӀым дежт – зэрытха дыдэм хуэдэу зэбдзэкӀмэ, «еханэ сыхьэтыр» арщ. Абы къикӀыр щэджагъуэрщ.
7Хьисэ псыкъуийм деж щысу, самарие цӀыхубз гуэр псыхьэ къэкӀуащ.
Псы тӀэкӀу сегъафэ, – жриӀащ Хьисэ. 8Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм шхын къащэхуну къалэм кӀуат абы щыгъуэ.
9Уэ ужуртщ, сэ Самарие сыщыщ цӀыхубзщ, – къыжриӀащ самарие цӀыхубзым Хьисэ. – Псы уезгъэфэну дауэ укъызэлъэӀуфрэ? – (Апхуэдэу щӀыжиӀар журтхэмрэ самарие цӀыхухэмрэ зэхыхьэу щыттэкъыми, аращ.)
10– Тхьэм и тыгъэр зыхуэдэри «Псы тӀэкӀу сегъафэ» къыбжезыӀари уэ пщӀэуэ щытатэмэ, абы уелъэӀунт, абыи гъащӀэ къозытын псы уригъэфэнт, – жриӀэжащ Хьисэ цӀыхубзым.
11– Зи щӀыхь ин, – къыжриӀащ цӀыхубзым, – псыкъуийр куущ, уэ псы къызэрипхын уиӀэкъым. А гъащӀэ къызэзытыну псыр дэнэ къыздипхынур? 12Ди адэшхуэ Екъубщ мы псыкъуийр къытхуэзыгъэнар. Езыри и къуэхэри мы псым щыщ ефэу, и былымхэри иригъафэу щытащ. Абы нэхърэ унэхъыщхьэ уэ?
13– Мы псым щыщ хэт ефэми, псы хуэлӀэжынущ, – жэуап иритыжащ Хьисэ. 14– Ауэ сэ ест псым ефэр игъащӀэкӀэ псы хуэлӀэжынукъым. Сэ абы естыну псыр цӀыхум игу илъу, зэи мыгъуж псынэ хуэхъунущ, мыкӀуэдыжын гъащӀи а псынэм къритынущ.
15– Зи щӀыхь ин, – къыжриӀащ цӀыхубзым, – псы сыхуэмылӀэжыну, псыхьи сыкъэмыкӀуэжыну а псым щыщ къызэт.
16– КӀуэи, уи щхьэгъусэм къеджи, къэкӀуэж, – жриӀащ Хьисэ.
17– Щхьэгъусэ сиӀэкъым, – къыжриӀащ цӀыхубзым.
– Щхьэгъусэ узэримыӀэр пэжу жыпӀащ, – жриӀащ Хьисэ цӀыхубзым. 18– Уэ щхьэгъуситху уиӀащ, иджы уиӀэр уи щхьэгъусэкъым. А къыжыпӀар пэжщ.
19– Зи щӀыхь ин, уэ узэрыбегъымбарыр къэсщӀащ, – къыжриӀащ цӀыхубзым. 20– Ди адэжьхэр мы Ӏуащхьэм Тхьэм щелъэӀуу щытащ, ауэ фэ, журтхэм, жывоӀэ Тхьэм ущелъэӀун хуейр Ерусалим дежу.
21– Уэ, цӀыхубз, – жиӀащ Хьисэ, – уи фӀэщ гъэхъу, мы Ӏуащхьэми Ерусалими Адэ лъапӀэм фыщыщемылъэӀун махуэ къэсынущ. 22Фэ, самарие цӀыхухэм, фызэлъэӀу Тхьэр фщӀэркъым, ауэ дэ дызэлъэӀу Тхьэр дощӀэ, мы дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр журтхэм ящыщщи.
23Хьисэ жиӀащ итӀанэ:
– Адэ лъапӀэм щыпкъэу елъэӀухэр гурэ псэкӀи щыпкъагъэкӀи щелъэӀун махуэр къэсынущ икӀи къэсакӀэщ. Апхуэдэу елъэӀухэращ Адэ лъапӀэм и щӀасэр. 24Тхьэр псэщ, абы елъэӀухэри Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи щыпкъагъэкӀи елъэӀун хуейщ.
25– ХристоскӀэ зэджэ Мэссихьыр къызэрыкӀуэнур сощӀэ, – къыжриӀащ цӀыхубзым. – Ар къакӀуэмэ, Ӏуэху псори къыдгуригъэӀуэнущ.
26– А жыхуэпӀэр сэращ, иджыпсту къопсалъэрщ, – жриӀащ Хьисэ абы. 27Абы хэту, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къэсыжащ. Хьисэ цӀыхубз гуэрым епсалъэу щалъагъум ягъэщӀэгъуащ, арщхьэкӀэ абыхэм ящыщ зыми зыри жиӀакъым: «Сыт къыпыпхынур?» е «Сыт ущӀепсалъэр?» жиӀэу.
28А цӀыхубзым и кхъуэщыныр къигъанэщ, къалэм дыхьэжри, цӀыхухэм яжриӀащ:
29– ФыкъакӀуи, феплъыт, лӀы гуэрым сэ сщӀа псори къызжиӀэжащ. Арауэ пӀэрэ Мэссихьыр?
30Къалэм къыдэкӀри, Хьисэ деж къэкӀуащ цӀыхухэр.
31Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къелъэӀуащ:
– Равви, шхэ.
32Хьисэ яжриӀащ:
– Фэ фи мынэӀуасэ шхыныгъуэ сиӀэщ.
33Апхуэдэу щыжиӀэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр, «Зыгуэрым шхын къыхуихьауэ пӀэрэ?» жаӀэу зыр зым еупщӀыжащ.
34– Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 35– МазиплӀ дэкӀмэ, гъавэ Ӏухыжыгъуэр къэсынущ, аракъэ фэ жыфӀэр? АтӀэ сэ нывжызоӀэ, фи напӀэр къэфӀэти, губгъуэхэм фиплъэ! Гъавэр гъуэжьыбзэ хъури, я Ӏухыжыгъуэр къэсащ. 36Гъавэр иджы Ӏузыхыжым и Ӏыхьэр егъуэтыж, мыкӀуэдыжын гъащӀэм щхьэкӀэщ гъавэр щӀыӀуихыжыр. Апхуэдэу, жылэ зысэри гъавэр Ӏузыхыжри зэдэгуфӀэнущ. 37«Зым жылэ есэ, адрейм гъавэр Ӏуехыж» жыхуаӀэ псалъэжьыр пэж хъуащ. 38Фэ гугъу фызыдемыхьа гъавэр Ӏуфхыжыну фызгъэкӀуащ. А гъавэм нэгъуэщӀхэр гугъу дехьащ, ауэ фэри абыхэм я Ӏуэхум фыхыхьащ.
39А къалэм дэс самарие цӀыху куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ, а цӀыхубзыр Хьисэ щыхьэт къытехъуэурэ, «Сэ сщӀа псори къызжиӀащ» зэрыжиӀам щхьэкӀэ. 40Абы къыхэкӀкӀэ, самарие цӀыхухэр Хьисэ деж къыщыкӀуэм, я деж зыщиӀэжьэну къелъэӀуащ. КъыщелъэӀум, абыхэм я деж махуитӀкӀэ къэнащ. 41Хьисэ и псалъэхэр щызэхахым, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр нэхъыбэж хъуащ.
42– Уэ жыпӀам и закъуэкъым фӀэщхъуныгъэ диӀэ зыгъэхъуар, – жраӀащ абыхэм цӀыхубзым, – атӀэ ди тхьэкӀумэкӀэ зэхэтхащ езым жиӀэр, дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр пэжу арауэ зэрыщытыр къэтщӀащ.
Пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэм и къуэр Хьисэ зэригъэхъужар
(Маттэ 8:5-13; Лука 7:1-10)
43А махуитӀыр дэкӀа нэужь, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀри, Галилей хэкум кӀуащ; 44бегъымбарым езыр щапӀа къалэм щӀыхь къызэрыщыхуамыщӀыр Хьисэ и нэгу щӀэкӀати. 45Хьисэ Галилей хэкум къыщыкӀуэм, абы ис цӀыхухэм ирагъэблэгъащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр махуэшхуэм Ерусалим щыӀати, а махуэхэм Хьисэ абы щилэжьа псори щалъэгъуат.
46Хьисэ Галилей хэкум ит Канэ жылэм кӀуэжащ аргуэру. А жылэращ псыр фадэ зыщищӀыгъар. Пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэ#4:46 пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэр – ар зыхуэлажьэу щытар Ирод Антипэу Галилей, Перей хэкухэм я пщырщ. гуэр Капернаум къалэм дэст. Абы и къуэр сымаджэу хэлът. 47Хьисэ Иудейм къикӀыу, Галилейм къызэрыкӀуар а Ӏэтащхьэм щызэхихым, абы деж къэкӀуащ.
– КъакӀуи, си къуэ сымаджэу лӀэн гъунэгъу хъуар схуэгъэхъуж, – жиӀэри къелъэӀуащ.
48– Нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ фэ фымылъагъумэ, фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъунукъым, – жриӀащ абы Хьисэ.
49– Зи щӀыхь ин, си къуэр мылӀэ щӀыкӀэ къакӀуэ, – къыжриӀащ Хьисэ пащтыхьым хуэлажьэ Ӏэтащхьэм.
50– КӀуэж, уи къуэр псэунущ, – жиӀащ Хьисэ.
Хьисэ жриӀа псалъэхэр и фӀэщ хъури, а лӀыр кӀуэжащ. 51Ӏэтащхьэр кӀуэжу гъуэгу здытетым, абы и унэӀутхэр къыпежьэри къыжраӀащ:
– Уи къуэр псэунущ.
52– Сыхьэтыр дапщэм деж нэхъыфӀ хъууэ щыщӀидзар? – еупщӀащ абыхэм Ӏэтащхьэр.
– Дыгъуасэ шэджагъуэнэужьым сыхьэтыр зым деж#4:52 сыхьэтыр зым деж – зэрытха дыдэм хуэдэу зэбдзэкӀмэ, «ебланэ сыхьэтыр» арщ. Абы къикӀыр шэджагъуэнэужьым сыхьэтыр зырщ. плъыржьэрыр щхьэщыкӀащ, – къыжраӀащ унэӀутхэм.
53Ар къыщыжраӀэм, Ӏэтащхьэм игу къэкӀыжащ и къуэм плъыржьэрыр щыщхьэщыкӀар «Уи къуэр псэунущ» жиӀэу Хьисэ къыщыжриӀэгъа сыхьэт дыдэм зэрытехуэр. Езыми езым и унагъуэми фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ абы и ужькӀэ.
54Иудейм къикӀыжу Галилейм къыщыкӀуам, етӀуанэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэу Хьисэ къигъэлъэгъуар аращ.

Currently Selected:

Иуан 4: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

YouVersion uses cookies to personalize your experience. By using our website, you accept our use of cookies as described in our Privacy Policy