YouVersion Logo
Search Icon

Лука 24

24
24-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжар
(Маттэ 28:1-10; Марк 16:1-8; Иуан 20:1-10)
1Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм нэху щыщым, цӀыхубзхэм хьэдэм щахуэн щхьэкӀэ, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэу ягъэхьэзырар здахьри, кхъэлэгъунэм кӀуащ, нэгъуэщӀ гуэрхэри я гъусэу. 2Кхъэлэгъунэм и щӀыхьэпӀэм Ӏулъа мывэшхуэр ӀугъэкӀуриикӀауэ ӀущӀащ абы кӀуахэр. 3Кхъэлэгъунэм щыщӀыхьэм, Зиусхьэну Хьисэ и хьэдэр щагъуэтакъым. 4Ар зыхуахьынур ямыщӀэу здэщытым, щыгъын хужьыбзэкӀэ хуэпауэ лӀитӀ, ямыщӀэххэу, я пащхьэм къихутащ. 5ЦӀыхубзхэм, къэщтауэ, я щхьэхэр щыщӀагуэм, а лӀитӀым къыжраӀащ:
– Псэур лӀахэм я деж сыт къыщӀыщыфлъыхъуэр? 6Ар мыбдежым щыӀэжкъым, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Галилей хэкум щыщыӀам, абы мыпхуэдэу къызэрывжиӀэгъар фигу къэвгъэкӀыж: 7«ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр#24:7 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ Маттэ 8:20. гуэныхь зыщӀэхэм яӀэщӀыхьэн хуейщ, жорми ираӀулӀынущ, ауэ ар ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ».
8Апхуэдэу щыжаӀэм, Хьисэ и псалъэхэр ягу къэкӀыжащ.
9ЦӀыхубзхэр кхъэлэгъунэм къыщӀэкӀыжри, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузымрэ адрей я гъуса псомрэ а Ӏуэхугъуэ псори хуаӀуэтэжащ. 10Апостолхэм#24:10 апостолхэр – еплъ Маттэ 10:2. ар яжезыӀэжар мы цӀыхубзхэрщ: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Иуаннэ, Екъуб и анэ Мэрием, абыхэм я гъуса адрей цӀыхубзхэр. 11ЦӀыхубзхэм жаӀам къимыкӀауэ апостолхэм ялъытащ, я фӀэщи хъуакъым. 12Петр тэджри, кхъэлэгъунэм жащ. Зригъэзыхыу, кхъэлэгъунэм щыщӀэплъэм, чэсей хужь джэбынхэм фӀэкӀа зыри илъэгъуакъым. А къэхъуар игъэщӀагъуэу, и унэм игъэзэжащ.
Эммаус жылэм кӀуэ гъуэгур
(Марк 16:12-13)
13Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ километр пщыкӀузкӀэ Ерусалим пэжыжьэ Эммаус жылэм кӀуэрт а махуэ дыдэм. 14ЗдэкӀуэм, къэхъуа псоми тепсэлъыхьырт. 15Ахэр зэпсалъэу, зэчэнджэщу гъуэгу здытетым, Хьисэ къабгъурыувэри, я гъусэу ядэкӀуащ. 16Ауэ абыхэм я нэхэр къыщипхъуати, ар зэры-Хьисэр яцӀыхужакъым.
17– Гъуэгум фытету сыт фызытепсэлъыхьыр? ФыщӀэнэщхъейри сыт? – яжриӀащ Хьисэ.
18Ерусалим дэсхэм ящыщу абы мы махуэхэм къыщыхъуар зымыщӀэр уэ зы закъуэрауэ къыщӀэкӀынущ, – жиӀэри абыхэм ящыщ зым, Клеопэ зи цӀэм, Хьисэ къыжриӀащ.
19– Сыт къыщыхъуауэ жыхуэфӀэ Ӏуэхухэр? – щӀэупщӀащ ар.
– Назарет щыщ Хьисэ къыщыщӀарщ зи гугъу тщӀыр, – къыжраӀащ абыхэм. – Тхьэми цӀыху псоми я дежкӀэ ар и псалъэхэмкӀи илэжьа ӀуэхухэмкӀи лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ бегъымбару щытащ. 20Дин пашэшхуэхэмрэ Тхьэмадэ Хасэшхуэм и тхьэмадэхэмрэ укӀ трырагъэлъхьэн щхьэкӀэ, ар Пилат Ӏэтащхьэм ӀэщӀагъыхьэри, жорым ирырагъэӀулӀащ. 21Израил лъэпкъым щхьэхуитыныгъэ къритынкӀэ дыщыгугъырт абы. 22А псори къызэрыхъурэ нобэ махуэ ещанэщ, ди цӀыхубзхэм ящыщ гуэрхэми хъыбар гъэщӀэгъуэн къытхуаӀуэтащ. Ахэр пщэдджыжьым жьыуэ кхъэлэгъунэм кӀуат, 23ауэ Хьисэ и хьэдэр ягъуэтыжакъым. Къыщагъэзэжым, мелыӀычитӀ къахуэкӀуэри, абыхэм Хьисэ псэууэ къыжраӀауэ къыджаӀэжащ. 24Дэ тщыщ гуэрхэр кхъэлэгъунэм кӀуати, цӀыхубзхэм зэрыжаӀам хуэдэу ирахьэлӀащ, ауэ езы Хьисэ ялъэгъуакъым.
25– Сыту фызэхэщӀыкӀыншэ, бегъымбархэм жаӀэгъа псори фи фӀэщ хъун щхьэкӀэ, сыту гугъу фехьрэ! – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. 26– И щӀыхьышхуэр иӀэ хъун папщӀэ, абы нэсыху, мы гугъуехьхэр ишэчын хуеякъэ Мэссихь?
27Муси адрей бегъымбар псоми я деж къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм езым теухуауэ хэтхэр ягуригъэӀуащ Хьисэ.
28ЗдэкӀуэ жылэм гъунэгъу щыхуэхъум, Хьисэ къэмыувыӀэу абы блэкӀыну фэ тетт. 29Ауэ абыхэм ар ямыгъакӀуэу къагъэувыӀэри, къыжраӀащ:
– Махуэр хэкӀуэтащ, пщыхьэщхьэм нэблэгъакӀэщи, ди гъусэу къанэ.
Ар щыжаӀэм, Хьисэ арэзы хъури, я гъусэу къэнащ.
30Абыхэм я гъусэу шхэну Ӏэнэм пэрытӀысхьэри, Хьисэ щӀакхъуэр къищтащ. Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀри яритащ. 31Абы ирихьэлӀэу я нэхэр къэплъэжри, зэры-Хьисэр къацӀыхужащ. КъацӀыхужа нэужь, Хьисэ бзэхыжри, ялъагъужакъым.
32– Гъуэгум дыщытетым, Хьисэ къыдэпсалъэурэ Тхьэм и псалъэу тхахэр къыдгуригъаӀуэ щыхъум, и псалъэхэмкӀэ дигъэгуфӀэрэ дигухэр мафӀэм хуэдэу къызэщӀигъэнауэ щытакъэ? – жаӀащ абыхэм.
33Асыхьэтым ахэр къэтэджыжри, ЕрусалимкӀэ ягъэзэжащ. Апостол пщыкӀузымрэ я гъусэхэмрэ зэхуэсыжауэ ӀущӀэжащ.
34– Зиусхьэныр лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, ар щыпкъэщ, Симони зыкъригъэлъэгъуащ, – жаӀащ абыхэм. 35Езыхэм гъуэгум къащыщыщӀари, щӀакхъуэр щызэгуищӀыкӀым, Хьисэ къызэрацӀыхужари къаӀуэтэжащ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм закъызэрыригъэлъэгъуар
(Маттэ 28:16-20; Марк 16:14-18; Иуан 20:19-23; Апостол. 1:6-8)
36Ахэр мы Ӏуэхухэм щытепсэлъыхьым, езы Хьисэ яхэувэри, яжриӀащ:
– Фигу ирезагъэ.
37АпхуэдизкӀэ шынэрти, ягухэр щӀэхуащ, хьэдрыхэпсэ ялъагъуу къафӀэщӀащ.
38– Сыт фыщӀэгузавэр? – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт фи гум шэч къыщӀихьэр? 39Си Ӏэхэми си лъакъуэхэми фыкъеплъ. Сэр дыдэращ мыр. ФыкъыстеӀэби, феплъ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хьэдрыхэпсэм фэи, лыи, къупщхьи иӀэкъым, сэ сиӀэу зэрыфлъагъум хуэдэу.
40Ар жиӀэри, и Ӏэхэмрэ и лъакъуэхэмрэ яригъэлъэгъуащ. 41ГуфӀэгъуэшхуэм къыхэкӀыу я фӀэщ мыхъуу ягъэщӀагъуэ щыхъум, яжриӀащ:
– Мыбдежым шхын гуэр щывиӀэу пӀэрэ?
42Ар щыжиӀэм, бдзэжьей гъэжьа ныкъуэ къратащ. 43Ар къаӀихри, я пащхьэм щишхащ.
44– Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.
45ИтӀанэ Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтхэр ягуригъаӀуэурэ, 46къажриӀащ:
– Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: Мэссихь гугъуехь ишэчын, лӀэуэ ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейщ. 47Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ. 48Фэ а Ӏуэху псоми фрищыхьэтщ. 49ФыкъэдаӀуэ, си Адэм фыкъызэригъэгугъар#24:49 си Адэм фыкъызэригъэгугъар – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэращ. Еплъ Апостол. 1:4-5. къыфхуезгъэхынущ. Ауэ уафэм къикӀыу къару къыфхуехыху, Ерусалим къалэм фыкъыдэнэ.
Хьисэ уафэм зэрыдэкӀуеижар
(Марк 16:19-20; Апостол. 1:9-11)
50Хьисэ ахэр Ерусалим дишщ, Вифание жылэм и гъунэгъуу ишэщ, и Ӏэхэр къиӀэтри, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну яхуелъэӀуащ. 51Тхьэм яхуелъэӀуурэ яхэкӀри, уафэм дэкӀуеижащ. 52Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ щӀыхь хуащӀу, ахэр лъэгуажьэмыщхьэу тӀысащ. ГуфӀэгъуэшхуэр яӀэу, Ерусалим ягъэзэжащ итӀанэ. 53Тхьэм щӀыхь хуащӀу, Тхьэм и унэшхуэм щӀэт зэпытащ иужькӀэ. Ӏэмин.

Currently Selected:

Лука 24: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

YouVersion uses cookies to personalize your experience. By using our website, you accept our use of cookies as described in our Privacy Policy