YouVersion Logo
Search Icon

Иуан 3

3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ЩӀэрыщӀэу фыкъалъхужын хуейщ
1Фарисейхэм ящыщ лӀы гуэр щыӀащ Никодим и цӀэу. Ар журт пашэхэм ящыщт. 2Хьисэ деж жэщу къакӀуэри, абы къыжриӀащ:
– Равви,#3:2 Равви – «дин егъэджакӀуэр» арщ. уэ Тхьэм къыбгъэдэкӀа дин егъэджакӀуэу узэрыщытыр дощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр имыгъусэмэ, уэ къэбгъэлъагъуэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуэн зыми лъэкӀынукъым.
3– Пэж дыдэр бжызоӀэ, цӀыху гуэрми, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр#3:3 Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр – еплъ Маттэ 3:2. илъагъун лъэкӀынукъым, – жиӀащ Хьисэ.
4– ЦӀыхур жьы хъумэ, дауэ къызэралъхужынур? – къеупщӀащ Никодим. – И анэм и ныбэм ихьэжу, щӀэрыщӀэу къалъхужыну?
5– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, – жэуап итыжащ Хьисэ, – псымрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къахэкӀыу, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн лъэкӀынукъым цӀыхум. 6ЦӀыхум къыхуэхъур цӀыхущ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыхэкӀ цӀыхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхущ. 7«ЩӀэрыщӀэу фыкъалъхужын хуейщ» жысӀэу зэрыбжесӀар умыгъэщӀагъуэ. 8Жьыр езыр здыхуеймкӀэ къопщэ. И макъри зэхыбох, ауэ къыздикӀри здэкӀуэри пщӀэркъым. Аращ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыхэкӀа дэтхэнэ цӀыхуми и Ӏуэхур зытетыр.
9– Ар дауэ зэрыхъур? – еупщӀащ Никодим Хьисэ.
10– Уэ израил дин егъэджакӀуэхэм уащыщщ, ар умыщӀэу ара? – жэуап иритащ Хьисэ. 11– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, дэ тщӀэращ дызытепсэлъыхьыр, тлъэгъуаращ щыхьэт дызытехъуэри, ауэ щыхъукӀи ди щыхьэтыгъэр фэ вдэркъым. 12Мы дунейм и Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ нывжесӀащ, фэ фи фӀэщ хъуркъым. Уафэм и Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ нывжесӀэмэ, дауэ фи фӀэщ зэрыхъунур? 13Уафэм зы цӀыхуи дэкӀуеякъым, ауэ уафэр зи псэупӀэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къехащ. 14Мусэ бегъымбарым#3:14 Мусэ бегъымбарыр – еплъ 4 Мусэ 21:4-9. губгъуэ нэщӀым блэр зэрыщиӀэтыгъам хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри цӀыхухэм яӀэтын хуейщ,#3:14 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэри цӀыхухэм яӀэтын хуейщ – а псалъэхэм Хьисэ къригъэкӀар езыр жорым зэрыраӀулӀынури, Тхьэм и деж зэрыдэкӀуеижынури арщ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр Хьисэр аращ. Еплъ Маттэ 8:20. 15езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэ зыми мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ.
16– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейм и цӀыхухэр апхуэдизкӀэ фӀыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къелын икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ. 17Тхьэм дунейм и цӀыхухэр игъэкъуэншэну аракъым езым и Къуэр дунейм къыщӀигъэкӀуар, атӀэ и Къуэм къыпкърыкӀэу дунейм и цӀыхухэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэщ. 18Тхьэм езым и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри игъэкъуэншэнукъым, ауэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ дэтхэнэри Тхьэм игъэкъуэншакӀэщ и Къуэ закъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ зэрымыхъуам щхьэкӀэ. 19Тхьэм цӀыхухэр щӀигъэкъуаншэр мыращ: Нэхур дунейм къытехьащ, ауэ цӀыхухэм нэхум нэхърэ кӀыфӀыгъэр нэхъыфӀу ялъэгъуащ, абыхэм ялэжь Ӏуэхухэр бзаджагъэти. 20Бзаджагъэ зылэжь дэтхэнэми нэхур илъагъу хъуркъым, илэжьа Ӏуэхухэри нахуэ мыхъун щхьэкӀэ, нэхум екӀуалӀэркъым. 21Ауэ щыпкъагъэр зылэжь дэтхэнэри нэхум йокӀуалӀэ, Тхьэм и псэм зэрыщыщым папщӀэ а Ӏуэхухэр зэрилэжар нахуэ хъун щхьэкӀэ.
Иуан Хьисэ зэрытепсэлъыхьар
22Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Иудей хэкум#3:22 Иудей хэкур – Израил къэралым и хэкухэм ящыщу щытащ. кӀуащ абы и ужькӀэ. Абыхэм я гъусэу Хьисэ а щӀыпӀэм щыӀэурэ, цӀыхухэр иумэхъырт. 23Салим жылэм пэгъунэгъуу Енон зи цӀэ щӀыпӀэм псы куэд щыӀэти, Иуан цӀыхухэр абы щиумэхъырт. Ахэр Иуан деж къакӀуэрти, зрагъэумэхъырт. 24А зэманым Иуан лъэхъуэщым щӀадзащӀыкӀэтэкъым.#3:24 лъэхъуэщым щӀадзащӀыкӀэтэкъым – еплъ Марк 6:17-18. 25Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщхэмрэ зы журт гуэррэ диным тету зызэрыбгъэкъэбзэжын ӀуэхугъуэмкӀэ зэныкъуэкъуу щӀадзащ. 26И гъуэгу ирикӀуэхэр и деж къакӀуэри, Иуан къыжраӀащ:
– Равви, еплъ, Иорданыпсым и адрыщӀым уэ узигъуса икӀи щыхьэт узытехъуа лӀым цӀыхухэр щеумэхъ икӀи цӀыху псори абы и деж къокӀуэ.
27– Тхьэм лъимыгъэкӀмэ, зыми зыри ищӀэн лъэкӀынукъым, – жиӀащ Иуан. 28– «Мэссихьыр сэракъым, ауэ Мэссихьым и пэ къихуэу Тхьэм сыкъигъэкӀуащ» зэрыжысӀамкӀэ фэ фызищыхьэтщ. 29НысащӀэр зейр щауэр арщ. Ауэ щауэм и гъусэу абдежым щыту щауэм и макъыр зэхэзыхыр мэгуфӀэ. А гуфӀэгъуэ нэсыр сэри си гуфӀэгъуэщ. 30Ар нэхъ ин хъун хуейщ, сэ нэхъ цӀыкӀу сыхъун хуейщ.
Уафэм къехыр
31– ИщхьэкӀэ къехыр псоми ящхьэжщ. Ауэ щӀылъэм щыщыр щӀылъэм ейщ, щӀылъэм тетхэр зэрыпсалъэм хуэдэу ари мэпсалъэ. Уафэм къехыр псоми ящхьэщ. 32Илъэгъуахэмрэ зэхихахэмрэ щыхьэт ятохъуэ ар, ауэ и щыхьэтыгъэр зыми идэркъым. 33Абы и щыхьэтыгъэр зыдам Тхьэр зэрыщыпкъэр идауэ мэхъу. 34Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къигъэкӀуам Тхьэм и псалъэхэрщ жиӀэр. А цӀыхум и гум Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэр кърилъхьэ зэпытщ. 35Адэ лъапӀэм езым и Къуэр фӀыуэ елъагъури, и ӀэмыщӀэ псори кърилъхьащ. 36Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъуащ, Къуэм емыдаӀуэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэнукъым, Тхьэм и губжьыр къытехуэнущ абы.

Currently Selected:

Иуан 3: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

YouVersion uses cookies to personalize your experience. By using our website, you accept our use of cookies as described in our Privacy Policy